1.Си пэр стэчаным хэлъу уей
Ныбжьэгъухэр къыlухьащ.
Салам алейкум къызжаlащ,
Сэлами ясхыжащ!
Хьэтыр уиlэжмэ ди ныбжьэгъу
Зызакъуэ ныдэдзей,
Ипфар уэ нобэ ирикъунщ -
Накlуэ нэкlуэж фидей.
Припев:
Машинэ цlыкlум сырадзащ,
Дидеж сыкъашэжащ,
Си нэ лъэныкъуэр къэзгъэплъащ,
Жанзили къэслъэгъуащ.
Уэ си Жанзилэ уей-уей-уей,
Уэлэхи семыфа,
Сефэм, сыщlефэр си ныбжьэгъущ,
Тхьэм щхьэкlэ къысхуэгъэгъу.
2.Тхьэмахуэ хъуауэ семыфам
Солъэр, сызэгоуд.
Сэ ди гъунэгъум секlуэкlау
100 грамм сырагъэуащ.
Сыкъыздэкlуэжым ди кафэм
Ныбжьэгъухэм саlущlащ.
Зы 200 грамм сырагъэуащ,
Абдеж сыlуричащ.
3.Жанзилэу плъагъур къитlэтlащ
Бэлагъыр къаутlыпщащ.
Пlастэ шыуанымкlи къэуащ,
Ар си щхьэм къыфlилъхьащ.
Схуэмышэчыжу, сыгубжьащ
Жанзилэм сыщlэгуэуащ,
Жанзилэу плъагъум зиущэхуащ,
Тумэн къытезудащ!